Урысыху, Урысыху Республикэ (урысыху-бз. Беларусь, Рэспубліка Беларусь,урбз. Белоруссия, Республика Беларусь) — кърал КъуэкӀыпӀэЕуропэм. 1991 гъэм нэгъунэ Совет Социал Республикэ Урысыху щыта. Къэралым ицӀэр къызхэкӀыр пэсырей урысыбзэм "белая" (хужь) иэ (хуит) тэтэрхэмрэ монголхэмрэ шъхьакӀэ шхуиӀу иэ я фашэм шъхьакӀэ, хуыжьу зэрахьат абы "Русь" пышъэжьауэ.
Абы пэмыкӀыу Урысыхум икъэралым (псоуэ иэ янукъуэ гуэрэхэр) хэт хэкухэр:Литуа, УрыскъуафӀцӀэ, Полесиэ, Берестей шӀыпӀэ, Витебск шӀыпӀэ, Полоцк шӀыпӀэ, Смолен шӀыпӀэ.
Икъэралгъунэр къуэкӀыпӀэмрэ ишъхъэрэмкӀэрэУрысейм иде ирокӀуэ,ЛатвиэмрэЛитуамрэ ишъхъэрэмрэ ишъхъэрэ-къуэхьапӀэмкӀэрэ.Полшэм - къэхьапӀэмкӀэрэ,Украинэм - ипшъэмкӀэ.
VIII - IX илъэсишъэхэм Ӏашъэныгъэхэр зэфӀэувэн щыкӀидзэм лъэпӀкъхэмрэ хэкухэмрэ зэпылъын кӀадзэ, къалэхэр яшъын кӀадзэ.
Нэхъ пэсырей дыдэхэм ящыщхэр Полоцк (япэдыду тхылъ-тхыдэм игугъ щашъыр 862 гъэм), Витебск (къалэ щыхъуар 947 гъэм) Туров (япэдыду тхылъ-тхыдэм игугъ щашъыр 980 гъэм).
XIII илъэсишъэхэм литоу пщы Миндовг иӀанатӀэмкӀэ литой шӀыпӀэхэмрэ къуэкӀыпӀэ слауан шӀыпӀэхэмрэ зэхегъыхьа а зэманмЕуропэм нэхъ къэрал ин ешъыр -Пщышхуэ Къэрал Литоу.
1569 гъэмПщышхуэ Къэрал ЛитоумрэмПолшэ къэрэлымрэ зэхохьариПосполит къэрал яшъыр.
XVIII илъэсишъэхэмПосполит къэралыр щэуэ зэгуохур (1772, 1793, 1795), иджырей Урысыху шӀыпӀэрУрысейм хокӀуэ.
1990 гъэм Урысыхур къэрал хит мэхъур.
Урысыхур 6 хэкукӀэ гуэча:
- Брест хэку
- Витебск хэку
- Гомел хэку
- Гроднэ хэку
- Могилов хэку
- Минск хэку
Калэ нэхъ инхэмрэ джылу дэсымрэ:
- Минск - 1 841
- Гомел - 498 700
- Могилов - 320 000
- Витебск - 356 000
- Гродно - 338 200
- Брест - 318 000
Урысыхум 2009 гъэмкӀэ джылъэ бжыгъэмкӀэ ирагъэкӀуэкӀам къэралым 9 489 000 джылу дэсЛъэпӀкъхэм ящыщу, нэхъыбу дэсхэр: