Movatterモバイル変換


[0]ホーム

URL:


Jump to content
Уикипедиэ
Лъыхъуэн

Исраил

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Исраил
ивр. מדינת ישראל (Мэдинат Исраьэл
хьэр-бз. دولة إسرائيل (Дауьлат Исраьийл
Дэмыгъэ Исраилым
Исраилым и ныпИсраилым и дэмыгъэ

Кординатхэр:31°47′00″ с. ш.35°13′00″ в. д. / 31.783333° с. ш.35.216667° в. д. (G)31.783333,35.216667

Къэрал уэрэд:«הַתִּקְוָה‎ (Гугъэ)» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ1948 нэкъыгъэм и 14 (зхэкӀар Британиэшхуэм)
Нэхъышъхьэбзэхэриврит,хьэрыпыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэрЕрусэлим
Къалэ нэхъ инхэрЕрусэлим,Тел Авив,Хайфа
ӀэнатӀэ хабзэрПарламент республикэ
Президент
Премиер министыр
Шимон Перес
Биниамин Нетаниахьу
ШӀыпӀэр
• Псори
 % псым пӀэуэ иубыдыр
143-нэ дунем
20 770[1]/22 072[2] км²
2
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

7 695 000[3] цӀыху (95-нэ)
349 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$204,133  (52-нэ)
$28 081[4]
Сомыр (Валутэр)Шекел кӀэ
Интернет-доменхэр.il
Телефон кодыр+972
Зэманыгъуэхэр+2 (гъэмахуэм +3)
ИсраилУикисурэтылъэм

Исраил еДжуртый (ивр. מדינת ישראל, Мэдинат Исраьэл,хьэр-бз. دولة إسرائيل, Дауьлат Исраьийл) —Азиэм и ипшъэ-къуэхьэпӀэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэрЕрусэлэм.

Хэкумэтхыр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ:Исраел и хэкумэтхыр
Исраил и шӀыпӀэтхыпхъэр

ИсраилырАзиэм и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэт,хы Курытым и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ Ӏуфэм, ипшъэмкӀэХы Плъыжьым. Къэралым и гъунапкъэхэр здырикӀуэмрэ здыӀухьэхэмрэ: ишъхъэрэмкӀэ -Ливаным, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ -Шамым, къуэкӀыпӀэмкӀэ -Йорданымрэ,КъуэхьэпӀэ Йорданым, ипшъэ-къуэхьэпӀэм -МысырымрэГазам и лъэныкъуэм.

Къэралыр мы ин шъхьэкӀэ и шӀыпӀэхэр куэду зэшъхьэщокӀхэ.

Нэхъыбэр къушъхьэхэм яубыд:Галилеэм и бгыхэр,Кармэл бгым,Голан Ӏуашъхьэхэм джоуэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм Йордан къуэладжэр хэт. Абыхэм пэмыкӀыу къэралым хэтхэр (псоуэ иэ лъэныкъуэкӀэ):Арава пшахъуалъэ,Хы ЛӀа,Мехтеш Рамон,Негев бгыхэр,Йудей пшахъуалъэ.

Къэралым и псы нэхъ инырЙордан,Кишон,Эскиндар,Ярконом - мы псыплӀыра къэралым иӀэр гъэмахуэм имыгъушъыкӀху. ПсыхъурейКинеретыр къэралым и нэхъ ин, псынэпс иту, и инагъыр 166 км².

Къэралым и хьэйуар субтропик хы курытым щыщу щыт. Мэкъуэуэгъуэм и температурэ курытыр — +24 °C щыкӀэдзауэ +32 °C носыр, шӀычылэм +6 °C щыкӀэдзауэ +20 °C нэс.

Тхыдэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ:Исраелым и тхыдэ

Япэрей джурт лъэпкъ пэсырейхэр Исраилым щихьахэр 1200 гъэм ди лъэхъэнэхэм и пэм, а зэманыгъуэм щыщ Исраил шӀыпӀэм хэту къагъуэта 250 джурт хьэблэжъхэр[5]. А зэманыгъуэм яужкӀэ хэкумфилистейхэр йохьэ. Пэштыхьей ӀэнатӀэ зэфӀоувэр япэреуэИсраил пэштыхьей, яужымкӀэЯуда пэштыхьей абыхэм я зэмэныгъуэр щытехуэр XI-X ди лъэхъэгэхэм я пэм.

VIII ди лъэхъэнэхэм япэм щыкӀэдзауэ ди лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэр къэрал зэщымыщхэм я ӀэнатӀэм кӀэхьурэ хъурӀэшурейм,Бабилонейм,Ахеменидхэм,Македониэм.

152 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ 37 гъэм нэс ди лъэхъэнэм ипэмЯудейм джурт лъэпкъХасмонехэр ӀэнатӀэм тохьэхэ.

63 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэЯудейм и шӀыпӀэмУрымым и ӀэнатӀэр лъэш мэхъур хом-хомурэ къэралыр иубыду.Бар Кохба джылэ зыкъэӀэтыгъуэ иригъэкӀуэкӀын игугъа яуж 135 гъэм, урым ӀэнатӀэр къэралым ирагъэкӀыным шъхьэкӀэ джурт лъэпкъым я Ӏохур хэкум зэӀыхьа, Урымхэм цӀыху бгъыгъэ хэкум ирахуахэ, тхыдэм къыхэмнэным шъхьэкӀэ а хэкум джуртхэр исауэ. Лъэпкъым я нэхъыбэрГалилейм икӀахэ.

614 гъэм Палестинэр Къажэрым щыщСасанидхэм яубыд, джуртхэм я дэӀэпыкъуэгъукӀэЕрусэлэмыр яубыдыр. Къажэрхэм къалэр джуртхэм иратыр. Ауэ, Ерусэлэмым джуртхэм я ӀэнатӀэр куэдрэ шъхьэщытакъым, илъэсищ къуэдей.

Византиэр Къажэрым текӀуа яуж Палестинэр аргуэру урымхэм яхокӀуэ 629 гъэм, илъэскӀэ джурт лъэпкъыр яукӀыурэ хэкум ирахухэр.

636 гъэм хьэрып лъэпкъэм я лъэшыгъуэ кӀэдзэгъуэм Палестинэр мыслымэнхэм трахыр урым Византиэм.

Лъэхъэних яужкӀэ къакӀуэхэм хэкур хьэрып лъэпкъхэмрэджорызэмрэ я зэпэубыдыгъуэхэм хэт.

1099 гъэмджорызэмЕрусэлэм пэштыхьей ешъыр, ауэ, 1187 гъэмСэладиным Ерусэлэмыр еубыдыр, 1291 гъэм джорыдзэм я яужырей быдапӀэАкрари хьэрыпхэм яхокӀуэ.

1260-1516 гъэм ПалестинэрмамлыкӀухэм я ӀэнатӀэм кӀэт.

1517 гъэм Исраилым и шӀыпӀэрУэсмэнейм хокӀуэ, сулътӀанСелим I-м еубыд. Илъэс 400-кӀэ хэкурУэсмэнейм и ӀэнатӀэм кӀэта.

1920 гъэмЛъэпкъхэм я лигэ мандатымкӀэКъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум и лъэныкъуэУэсмен империэм хэтарБританиэшхуэм и ӀэнатӀэм кӀохьэ, зэманыгъу зэрекӀуэкӀар 1948 накъыгъэм и 15-м нэс. Мандатым мыхьэну зэрихьатэр а шӀыпӀэм джурт лъэпкъым шъхьэкӀэ къэрал къыхагъэкӀыну

Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыриитхакъым.
Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйртегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ.

Джылэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ:Исраел и джылэр

Исраилым и Нэхъышъхьэ лэжьыгъэм статистикэм теухуауэ къызэриӀохумкӀэ, 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къэралым джылу дэсар (хэкухэс лэжьэну къэкӀуахэр хэмыту) зэрыхъур 7, 695 млн цӀыху. Абыхэм:джуртхэр - 5,802 млн (75,4%),хьэрыпхэр - 1,573 млн (20,5 % (абыхэм хиубыдэр хьэрып мыслъымэнхэр -палестинхэр,бедуинхэр,хьэрып чыристэнхэр), лъэпкъ мы ину я бжыгъэр хъууэ дэсхэр - 320 мин цӀыху (4,2% (адыгэхэр,друзхэр,ермэлыхэр)[6].

Экономикэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ:Исраел и экономикэр
Гуэдз губгъуэ Исраилым

Исраилым и экономикэм дунем ВКӀуП-ымкӀэ 52-нэрей пӀэр еӀыгъ.Ипшъэ-КъуэхьэпӀэ Азиэм хэт къэралхэм япэрейхэм ящыщ экономикэмрэ индустриэмрэкӀэ и зэфӀэтыкӀэр. Къэралым щэхуэгъуэкӀэ экономикэр лъэшу зэфӀэт, кэралыгъуэ ӀэнатӀэри абым хэту.

Къэралым импорт куэд йохьэ: фатэгын, хьэцэпэцэхэр, дзэм шъхьэкӀэ Ӏэшэхэр. Исраилым и шӀыпӀэр бэуэ щымыт шъхьэкӀэ къэралым фӀыуэ зыкъиӀэта къыдэгъэкӀыгъуэ лэжьыгъэхэмрэ аграриэмкӀэ,хьэцэпэцэхэр къэралым ирачэ шъхьэкӀэ пэмыкӀ аграрий лэжьыгъу езы къэралым и шӀыпӀэм къыхахыр.

Налмэс гъэлыдахэр, текнологиэшхуэ Ӏэмэпсымэхэр, аграрий лэжьыгъэхэр къэрал дэгъэкӀ щэныгъэм и нэхъыбу хъура.

Къэрал буджетым дефицитышхуэ иӀэ нэхъыбэм, ар трансфер инхэмкӀэ зэхуашъыр пэмыкӀ къэралхэм къахэкӀхэм. Исраилым къэрал хамэхэм шӀыхуэ телъхэм я ныкъуэ хуэдизырАШЗ-м ей. Абым пэмыкӀыу Штат Зэгуэтхэр япэреуэ щытхэ экономикэмрэ дзэмрэ Исраилым дэӀэпыкъур.

Администрациэ гуэчыгъуэр

Исраил къэралыр администрациэ куей хыкӀэ мэгуэчыр, зэреджэхэр «мехозот» (ивр. מחוזות).

Езы куейхэр куейкуэрыт 50-кӀэ мэгуэчыжьхэ, я цӀэр «нафот» (ивр. נפות), езыхэри яужкӀэ 15-нэ куейкӀэ мэгуэчыжьхэ.

КуейКъалэ нэхъышъхьэр
1ИшъхъэрейНацерэт
2Хьайфэ куейХьайфэ
3КурытРамле
4Тел Авив куейТел Авив
5Ерусэлэм куейЕрусэлэм
6ИпшъэрейБеӀэр Шева
Убыда шӀыпӀэхэр
А
В
С

Къэрал зэхэтыкӀэр

Исраилыр парламент республику щыт.

Къэралым и тхьэмадэр президент, хэзыхырКнессэт, хэхыгъуэр шъэху йокӀуэкӀ, зэрхахыр илъэсибл. Иджырей къэралым и хабзэмкӀэ президентым ӀэнатӀэ иӀэкъым, къэралым и напашъхьу щыт къуэдей, дунем и цӀэкӀэ къэпсалъу. Президентым и ӀэнатӀэкӀэ ишъэ къуэдер ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэр къилъытэнымрэ (ахэр къимылъытауэ щытмэ ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэм я ӀэнатӀэпӀашъхьэхэр яхъуэжь)хьэпсэрысхэр хуит ишъынымрэ (Исраилым и цӀыху хъуар, зэгуэрэм хьэпсэм ихуар, президентым хуит ишъыным елъэӀун пӀалъэ иӀэ).

ХабзэдэгъэкӀыу ӀэнатӀэ нэхъышъхьэр къэралым Кнессэт - зылъэныкъуэ парламент, тхьэмадэ 120 хэту. Тхьэмадэхэр партиэ тхылъхэмкӀэ хахыр.

Хабзэ гъэзанкӀэ ӀэнатӀэпашъхьэр - ӀэнатӀэгъу зэхуэс, шъхьэщытыр абым и тхьэмадэр.

Исраил къэралым Конституциэ иӀэкъым. Абым ипӀэкӀэ щыӀэр «япэрей хабзэхэр», зыпылъыр къэрал зэхэтыкӀэмрэ, джылэм я пӀалъэмрэ хуитыныгъэмрэ.

Исраилым адыгэху исхэр

Исраилым 4,000 адыгэ цӀыф ис. Исраилым адыгэ куэйитӀу дэд,Кфар КамэрэРихьаныерэ. Кфар Камэр адыгэшапсыгъ чӀылэ,Рихьаныер адыгэабдзах чӀылэ.

Гулъытыгъуэ

  1. Исраэлым и шӀыналъу зэфӀэувар, хутыныгъэ зауэм къыхэкӀауэ 1949 гъэм, а гъунапкъэхэмкӀэ къэрал нэхъыбэхэмрэ Лъэпкъ Зэгуэтхэмрэ къалъытэ Исраэлыр
  2. ШӀыпӀэ яужкӀэ Исраэлым и ӀэнатӀэм кӀэхьэхэр, КъуэкӀыпӀэ Ерусэлэмымрэ Голэн бгыхэмрэ. Исраэлым и официал тхылъхэм къагъэсэбэп, ауэ, Лъэпкъ Зэгуэтхэм къызарэмлъытам шъхьэкӀэ дуней сэбэпыгъуэ игъуэткъым.
  3. Нэхъышъхьэ лэжьыгъэ статистикэмкӀэ (НЛС): Исраэлым джылу дэсыр — 7,7 млн цӀыху, абыхэм - 75,4 % — джуртхэр(урыс.)
  4. Валутэмкэ и дунейпсо фонд(урыс.)
  5. Энциклопедиэ "Кругосвет" - Пэсырей Палестинэ. 2008
  6. title The population, by religion and population group Israel Central Bureau of Statistics(индж.)

ТехьэпӀэхэр

Мыртхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ.Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм.
Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэнэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй.
Къыздырахар: "https://kbd.wikipedia.org/w/index.php?title=Исраил&oldid=48657"
Категориехэр:
‎Категорие щӀэхъумар:

[8]ページ先頭

©2009-2025 Movatter.jp