Movatterモバイル変換


[0]ホーム

URL:


Jump to content
Уикипедиэ
Лъыхъуэн

Гупэж

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Гупэж
ГупэжAquilegia vulgaris
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ:КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ:Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ:ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ:КӀэпхъпащӀэгъагъ
Лъэпкъ:КӀэпхъпащӀэ
Лъэпкъыгъуэ:Гупэж
Латин цӀэр
Aquilegia vulgaris


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS18728
NCBI3450

Гупэж (лат-бз.:Aquilegia vulgaris,ур-бз.:Водосбoр) — гъэбжыгъэкӀэ псо къэкӀыгъэ, лӀэужьыгъуэгупэжым ящыщ ( Aquilegia ), лъэпкъкӀэпхъпащӀэм хэт.

КъыздэкӀыр

[зэгъэзэхуэжын |кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШӀыпӀу хиубыдэхэр курыт, ипшъэЕуропэм,Скандинавым.Ишъхъэрэ Америкэм ирахьауэ абыми къыщокӀ.Урысейм еуропэ лъэныкъуэм къыщокӀыр.

КъыздэкӀыр губгъуэхэм, мэзхэм.

ЗэрзэфӀэтыр

[зэгъэзэхуэжын |кодыр зэгъэзэхуэжын]

Жэпкъым къудамэ бжыгъэ къыпидзу, къуиуэ иэ бацу щыт ишъхьамкӀэ, илъэгагъыр см. 30 - 70 хуэдиз мэхъу.

Тхьампэхэр кӀагъымкӀэ нэхъ нэху щыт ишъхьамкӀэ нэхърэ, пхъашэху. Тхьампэ лъабжъэхэм Ӏутхэр щырыщу зэгуэтхэ, кӀы кӀыхьхэм япыту, ишъамкӀэ бгъуэуэ щыту, икӀапэмкӀэ памцӀу, я кӀыхьагъымкӀэ см. 2, 5 - 5 хуэдиз хъууэ, бгъуагъкӀэ см. 1, 5 - 2 хъууэ. Жэпкъым фӀэтӀ тхьампэхэр апхуэдэ къэрабзу щытхэ ауэ я кӀыр нэхъ кӀэкӀыу щыт.

Гъагъэхэр шхъуантӀу, псыху, плъыжьу макӀыу хужьу щытхэ, я бгъуагъыр см. 4 - 5 мэхъу. Тхьампэхэм я кӀыхьагъыр см. 3, я бгъуагъыр см. 1, я пэр дзасу хъуреуэ щыт, я кӀэмкӀэ гъэчауэ цым хуэду, псыгъу тхьампэр еухыр.

Гъагъэм икум ит тхьампэхэр см. 1,5 - 2, 5 я кӀыхьагъу, хъуреуэ, я лапэмкӀэ гъэчауэ щыту.

ЛӀэужьыгъуэхэр

[зэгъэзэхуэжын |кодыр зэгъэзэхуэжын]
  • Flore Pleno Black - см. 80 хуэдиз илъэгагъу, гъагъэхэр пхъашу щыту, плъыжь-кӀынфӀу иэ фӀыцӀу щыту.
  • Granny’s Bonnet - гъагъэхэр плъыжьыху-шхъуантӀу, пхъашу щытхэ.
  • Nivea - гъагъэхэр шхъуантӀу щытхэ, хужь яхэлъу.
  • Peachy Woodside - илъэгагъыр см. 75 хуэдиз хъууэ, гъагъэхэр гъуэплъ-плъыжьыху щытхэ, тхьампэхэр гъуэжьыфу.
  • Pom Crimson - гъагъэхэр пхъашу щытхэ, гъуабджу, якур хужьу.
  • Silver Edge - гъагъэхэр плъыжьыху-шхъуантӀафу щытхэ, тхьампэгъунэхэр хужьу.
  • Aquilegia vulgaris var. stellata - гъагъэхэр удзыфафэ-хужьу щытхэ.
  • Woodside Double - гъагъэхэр пхъашу, плъыжьыфэ-шхъуантӀэху щытхэ.
  • Aquilegia vulgaris var. winky - см. 35-50 илъэгагъ, гъагъэхэр плъыжьу, хужь-шхъуантӀу зэхэлъ, дэгъэзеяуэ щытхэ.
  • Aquilegia vulgaris plena Ruby Port - см. 90-110 илъэгагъ. Гъагъэхэр пхъашу щыт, плъыжькӀынфӀу.

Сурэтылъэ

[зэгъэзэхуэжын |кодыр зэгъэзэхуэжын]
Къыздырахар: "https://kbd.wikipedia.org/w/index.php?title=Гупэж&oldid=28389"
Категориехэр:

[8]ページ先頭

©2009-2025 Movatter.jp