
Адакъэ —джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм я хъухэращ,тхьэджэд,бабыщ лъэпкъхэм къанэмыщӀауэ.
Анэм елъытауэ нэхъ пӀащэщ, гъэщӀэрыщӀащ,сыджышхуэщ,лъэджажэ кӀыхьщ, шырхэркъуртым дипӀкъым, ицы пхъыжыгъуэри анэм ем къыщхьэщокӀ. Я нэхъ цӀыкӀум —ныбгъуэ адакъэм — г. 120-рэ нэс къешэч, нэхъ пӀащэ дыдэм —хъунгъарым и хьэлъагъщ ч. 6-м нэс.
Адыгэхэм къалъытэт адакъэм и гупэр унэбжэмкӀэ гъэзауэ гъунэгъуу Ӏумэ ар куэд темыкӀыу хьэщӀэ къызэрыкӀуэнум и нэгъыщэу.
Ла Гранхуэла (Исбухьэн) къалэм и дэмыгъэАдакъэм цӀыхубэхэм я щӀэнхабзэм, гъащӀэм къыщыхъу-къыщыщӀэхэм ядамыгъэ куэд къэзыӀуатэ щӀагъыбзэ ирахьылӀэ. Ар нэху щӀыным, сакъыным, къэщӀэрэщӀэжыным, зауэным къыхуезыджэ ижырей дэмыгъэщ.Фрэнджхэм адакъэр къалъытэт щхьэхуитыныгъэм, зауэным, къайгъэм я дэмыгъэу.КъуэкӀыпӀэ мыхуэгъэпсым и илъэс 12 псэущхьэ цыклым къуалэбзухэм ящыщу хэтыр адакъэщ, абы ейщ е 9-нэ илъэсыр. Урысхэм, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм я дежкӀэ адакъэрмафӀэсым я дэмыгъэщ.
Лъэпкъыр къэщӀэрэщӀэжынымрэ сакъынымрэ я дэмыгъу адакъэ теплъэКениэ къаралъыгъуэ дэмыгъэм хэтщ.
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.